Урысей пащтыхьыгъуэм 1763 — 1864 гъэхэм Кавказым щригъэкIуэкIа зауэ политикэм адыгэхэм къытхуихьащ лъапсэрыхыр. Ди лъэпкъым къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ я лъэужьщ адыгэхэм тщыщ куэд нобэ дунейм щызэбгрыдза зэрыхъуар.
Лъэпкъ тхыдэм щыщ а напэкIуэцI фIыцIэм куэд-мащIэми щыгъуазэ, Хэкум теухуа хъыбархэр я адэхэм, нэхъыжьхэм я нэпсыр къекIуэу зэгуэр къызыжраIэжа щIэблэхэр, шэч хэмылъу, щIохъуэпс адэжь щIыналъэм къагъэзэжыну, абы и щIыгум тету и хьэуа къабзэмкIэ, IэфIымкIэ хуиту бэуэну.
ХамэщIыр псэупIэ зыхуэхъуа истамбылакIуэхэм къащIэхъуа бынхэу а хъуэпсапIэр зи гъащIэ джэлэсу псэуахэм икIи ар нахуапIэ зыщIыфахэм (Тхьэм и фIыщIэкIэ) ящыщщ Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэр. Адэжь щIыналъэм къызэригъэзэжрэ илъэс 50-м нэсами, Шухьэиб ноби хуэнэхъуеиншэщ ди къурш уардэхэм, тафэ хуитышхуэхэм, псы уэрхэм, лъахэрысхэм — ХЭКУ псалъэм къызэщIиубыдэ псоми. Зи ныбжьыр илъэс 85-м ит тхьэмадэм и гур къызэфIонэ, и нэхэм нэпсыр къафIыщIокI.
Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм ирихьэлIэу Шухьэиб депсэлъылIащ.
— Шухьэиб, уэ уащыщщ илъэси 150-рэ ипэжкIэ гузэвэгъуэ къызылъэIэсу бэлыхь куэд зыгъэва ди лъэпкъым къыщIэхъуа щIэблэ минхэм. Зи Хэку къэзыгъэзэжыну лIыгъэ къызыкъуэкIа япэ адыгэхэми уахэтащ уэ. А гупсысэхэм уащыхуэкIуар сыт хуэдэ ныбжьым уиту?
— Ди лъэпкъ уардэм и щIыфэм уIэгъэ мыкIыжу телъщ илъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым кърикIуа гузэвэгъуэхэр. ЛIэщIыгъуэ псом щIигъукIэ екIуэкIа лъапсэрыхым я псэ емыблэжу, щхьэмыгъазэу хэтащ адыгэр, лъэпкъ щхьэхуитыныгъэм щIэбэну. Зауэм и Iэужьу адыгэхэр дунейм щызэбгрыдза, лъэпкъымрэ Хэкумрэ зырыз, зэпэIэщIэ хъуами, ди адэжьхэм лIыгъэ къакъуэкIащ ди лъэпкъ хабзэр, ди адыгэбзэр фIыгъуэ инхэу тхуахъумэну, унагъуэхэм къихъуэ бынхэр абыхэм дыщIапIыкIыну.
Иорданием и къалащхьэ Амман 1936 гъэм сыкъыщалъхуащ сэ. ХамэщI дыкъыщалъхуами, дызэрыадыгэр, Къэбэрдейм дызэрыщыщыр тщIэжу дыкъагъэхъуащ нэхъыжьхэм. Быних дапIащ ди адэ-анэм: Шэрифэ, Шэхьирэ, Iэдиб, Шыхьбан, Шухьэиб, Башир. Ахэращ адэжь лъахэм и хъыбархэр къысхуэзыIуэтэжари. Ди адэ-анэр ди анэдэлъхубзэмкIэ фIэкIа зэи къыдэпсэлъакъым, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ ди гъащIэ гъуазэу дыкъагъэтэджащ.
Ерэ фIырэ щызэхагъэкI ныбжьым сызэрит лъандэрэ зы махуи сщIэжыркъым Къэбэрдейм сыкъэкIуэжыну сыщIэмыхъуэпсауэ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, ар къызэхъулIащ. Адэжь хэкум сэ сяпэ къэзыгъэзэжаи щыIащ (я ахърэтыр Тхьэм нэху ищI), арщхьэкIэ хамэщI къиIэпхъукIыжауэ Къэбэрдейм иджыпсту щыпсэухэм сэращ я нэхъыжь дыдэр.
— Фи лъэпкъым и нэхъыжьхэм сытхэр я икIыкIэу ябгынат Хэкур? Адэжь щIыналъэм теухуа хъыбархэм хэт сымэ ущIагъэдэIуа?
— Си адэ Мэзан хэкужьым хыхьэ Ислъэмей къыщалъхуащ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и пэщIэдзэ дыдэхэм (нэхъ пасэнкIи хъунущ ар къыщыхъуар) си адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэдрэ абы и шынэхъыщIэмрэ я унагъуэхэр я гъусэу хэкум икIащ. А лъэхъэнэм зауэр зэрыувыIэри куэд дэкIат, ауэ я къэкIуэнумрэ зэрыс хъуа къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ яхузэхуэмыгъакIуэу, зэрахьэ диныр зэрахъумэным тегужьеикIарэ къэзызэуа лъэпкъышхуэм и цIыхухэм яIэ фIэщхъуныгъэм залымыгъэкIэ бэр зэщIрагъэщтэным щыщтэу. Нэхъыжьхэм жаIэжу зэрыщытамкIэ, си адэшхуэри абы и къуэшри а щхьэусыгъуэрат хэкум щIикIар. ХьэжыщI кIуэ щIыкIэу лъахэр ябгынащ, къызэрамыгъэзэжынур хьэкъыу япхыкIауэ.
Иорданием щынэсар 1905 гъэрщ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, хэщIыныгъэ ямыIэу, уеблэмэ гъуэгум иджыри зы щIалэ си адэшхуэм къыхуалъхуауэ псэупIэ яхуэхъуа щIыпIэм нэсащ ахэр. Абы щыгъуэ си адэм и ныбжьыр илъэс 13-15-хэм нэсат.
— Хьэзабрэ бэлыхь куэдкIэ гъэнщIауэ щыта а истамбыл гъуэгужьым ирикIуахэм, шэч хэмылъу, яхэтагъэнкъым адэжь щIыналъэм гур икъузу къыхуемыплъэкIыжа. Уеблэмэ уэ хамэщI ущалъхуами, уи псэр мыбыкIэ къеIэн зэи щигъэтакъым. А гурыщIэр лъым хэт адэ щIэину къыпхуэнауэ къыщIэкIынт, Шухьэиб…
— Хэкури псэри зы чысэм илъщ, хэкури укъэзылъхуа анэри а зы къуэпсымкIэщ адыгэгум зэрыпыщIар. Абыхэм зэхэдз лъэпкъ яIэкъым.
Хэкужьым Iуэхур щызэтеуIэфIэжа хъумэ, къагъэзэжыну я мурадат куэдым, дауи. Си адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэди абы щыгугъыурэ, и быныр ипIащ, хэхэс гъащIэм хигъэуващ, ауэ зэи ящигъэгъупщакъым хы адрыщIымкIэ Хэкурэ лъэпкърэ зэрыщаIэр. Апхуэдэу дэри дыкъигъэхъуащ ди адэм.
Адэжь хэкум теухуауэ ищIэж псори къигубзыгъыжурэ къыджиIэжырт адэм. Сэри сигури си псэри етауэ сыхущIэкъурт апхуэдэ хъыбар нэхъыбэIуэ абы къызэрыпкърысхыным. Езыми ар и гуапащэ хъурти, зэман хэхаи имыIэу игу къыщыдридзей дакъикъэм иублэрт и хъыбархэр. Ар тепсэлъыхьырт Бахъсэн аузыр гъунапкъэншэу къызэрыпщыхъум, щIымахуэм ар щыщтым деж, абы зэныбжьэгъухэм чын къыщрахуэкIыу зэрыщытам, адэкIэ-мыдэкIэ къыщыкI щхъуантIагъэм хуэдэ адэжь хэкум фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ зэрыщымыIэм, и цIыхухэм хуэдэ зэрыгъуэтыгъуейм… Апхуэдэхэм деж сэ къысщыхъурт зэи сымылъэгъуа псыхъуэшхуэм мывэ абрагъуэхэм сателъэ-сатепкIэу къыщызжыхьу, сыщIэхъуэпсырт, си адэм хуэдэу, сэри мыл гущIыIум чыныр вууэ къыщесхуэкIыну, мэракIуащхьэм сытесу ихъуреягъыр къэсплъыхьу, къудамэхэр си хъыринэу сыфIэлъыну… КъысфIэщIырт си адэм зи гугъу къысхуищI Iуащхьэмахуэ къыщIэж псынэ щIыIэр зэнзэныпсу си джийм ежэхыу, акъужь къабзэмкIэ тхьэмбылым щызу сыбауэу… Си щхьэм гупсысэрэ хъуэпсапIэу щызэблэжым щIэи гъуни яIэтэкъым. Абдеж си гум къыщыушыпащ Хэкум Iэмал имыIэу къэзгъэзэн мурадыр. Иджы сызэрыадыгэр сщIэ къудей мыхъуу, ар си гумрэ си псэмрэ, си Iэпкълъэпкъым и лъынтхуэ псоми щыгъэбыдауэ хэлъ лъы налъэт си дежкIэ. А псоми къадэкIуэу гушхуэныгъэ ин къысхилъхьэрт спкърылъ хэкупсэ гурыщIэ лъэщым.
— Апхуэдизрэ зяужь уита Iуэхугъуэр дауэ къохъулIа-тIэ? Хэт сэбэп къыпхуэхъуар?
— 1972 гъэм и бжьыхьэр екIуэкIырт. СССР-м никIа гупышхуэм яхэту Иорданием нэкIуат хэкупсэ нэс, жэнэтыр дунейкIэ къэзылэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. ХьэщIэхэр едгъэблэгъат Иорданием щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм. Iуэхур хъунумэ, аракъэ… Сэ сыпэрытIысхьа хъуащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ СССР-м и къэрал консулу Иордание пащтыхьыгъуэм а лъэхъэнэм щыIамрэ зыпэрыс Iэнэм. Хэкум ехьэлIауэ сиIэ гурылъхэмрэ гукъеуэхэмрэ си нэгум къищ къыщIэкIынти, «Фи Iуэхухэр дауэ щыт?» — жиIэу Мухьэмэд къызэрызэупщIу жесIащ си адэжьхэм я лъахэм згъэзэжыну илъэси 6 лъандэрэ яужь сызэритыр икIи ар къызэрызэмыхъулIэр, щхьэусыгъуэ хэхаи къызжамыIэу. Си тхьэусыхафэр къыбгъэдэс посолым жриIэжащ ХьэфIыцIэм икIи елъэIуащ хузэфIэкIымкIэ ар къыздэIэпыкъуну. Консулым абдеж сыкъыщигъэгугъащ мазищым къриубыдэу жэуап къысIэригъэхьэну: хуит сыкъащIми е лъэпощхьэпо щыIэми щхьэусыгъуэр къызжиIэну.
А мазэхэр сэ зэрызгъэкIуар зыщIэр Тхьэшхуэм и закъуэщ. Зи псэр дзапэкIэ зыIыгъым сыхуэдэт.
Косулым и деж пщэдджыжьым сыкIуэн хуейуэ пщыхьэщхьэм хъыбар къысIэрыхьат. Нэху схуэмыгъэщу сыIухьащ консульствэм и бжэIупэм. Куэд дэмыкIыуи сыIуагъэщIащ сызыхуэкIуа къулыкъущIэм. Абы и нэгум кърих нурымкIэ сэ занщIэу къызгурыIуат си Iуэхур фIы гуэр зэрыхъуар, арщхьэкIэ си гур темыпыIэу бгъэгум икIэзызыхьырт. «Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэ. Нобэ къыщыщIэдзауэ хуитыныгъэ уиIэщ СССР-м ухуеймэ ущыпсэуну, ухуейми пIалъэ гуэркIэ ущыIэу Иорданием къэбгъэзэжыну», — къызжиIащ абы тхылъ гуэрхэр къысхуишийри.
— Къоджаи къожьи щымыIэу, къыщыппэплъэри умыщIэу, жэуаплыныгъэ щIэпхь унагъуэри пкIэрыщIауэ адэжь щIыналъэм къытебдзэу укъэкIуэжыныр дзыхьщIыгъуэджэтэкъэ-тIэ, Шухьэиб? Дауэ къыппежьа хэкужьыр, абы и цIыхухэр?
— Дауи, гугъуехьи лъэпощхьэпо куэди цIыхур хуозэ къэрал дэнэ къэна, фэтэр, лэжьапIэ IэнатIэ щихъуэжкIэ. Абыхэм ящыщ зыгуэри си дежкIэ гугъуехьтэкъым. Нэхъыщхьэр — си Хэку сыщыпсэуну хуитыныгъэ зэрызиIэрт, си адэми, сэри, дэ тхуэдэ хэхэс минхэми диIа хъуэпсапIэр нахуапIэ зэрысхуэхъурт.
Кхъухьлъатэм уафэгум зырызыщиIэтым къыдэкIуэу, сигури хэхъуэу къысщыхъурт, си бгъэчым имыхуэжу. Сэр нэхъ насыпыфIэ уафэмрэ щIылъэмрэ яку къызэрыщамылъхуами шэч лъэпкъ хэлътэкъым!
Тхьэм и фIыщIэкIэ, лэжьапIэ IэнатIи къысхуагъуэтащ, псэупIэ уни къыдатащ. СощIэж: ХьэфIыцIэ Мухьэмэд дзэм къулыкъу щищIэу, лъагъунлъагъу къэкIуэжати, я деж мыкIуэжу си унэм къеблэгъауэ щытащ. Абы и фIыгъэкIэ аргуэру ди Iуэхур ефIэкIуауэ щытащ.
Хъарзынэу сопсэу. ХъыджэбзитI къытщIэхъуащ унагъуэм: Тамарэрэ Муслъимэтрэ (си анэм и фэеплъу фIэсщащ). Абыхэм я щIэбли, Тхьэм и фIыщIэкIэ, тлъэгъуащ. Си пхъурылъхуэу Амиррэ Динэрэ, абыхэм я быныжхэу Айдэмыр, Iэминат, Алий сымэ си гъащIэр схуагъэIэфI. Хуабжьу сыщогуфIыкI абыхэм я дэтхэнэ ехъулIэныгъэми.
— Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуанэ зэпыпчащ, Шухьэиб. Уи илъэсхэм уариплъэжмэ, сытыт абы нэхъыщхьэ дыдэу хэлъауэ, и купщIэу щытауэ къэплъытэр?
— ЩIалэгъуэ ныбжьым сызэрит лъандэрэ зихъуэжакъым абыкIэ сиIа еплъыкIэм: Хэку уиIэнырщ гъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэр! Сабийр зеиншэкъым, адэ имыIэжми. Абы зеиншафэ къыщытеуэр и анэр къыщыщхьэщымытыжым дежщ. Хэкури анэри зыщ цIыхум и дежкIэ. Уи анэм и куэщI щабэ уису узэрипIым хуэдэ дыдэу, IэфIщ уи адэжь лъахэ ущыпсэунри.
Сэ си ныбжьыр здынэсам, ноби срикъуакъым ди лъахэм сызэрыщыпсэуамкIэ, абы щыслъагъу псори: цIыхухэри, щIыуэпсри, ди уафэри, ди щIылъэри — нобэ япэу слъагъум хуэдэу си псэм къыщохъу. Адыгэм и дежкIэ ахэр фIыгъуэ мылъытэщ!
— Упсэу, Шухьэиб. Уи быным, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэ дахэм куэдрэ Тхьэм уащхьэщигъэт! Адэжь хэкум Тхьэм гу щыуигъахуэ.
Епсэлъар
ЖЫЛАСЭ Маритэщ.