Top.Mail.Ru

ХъуэпсапIэр нэхуапIэ щыхъуа жылэ махуэ

Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэм я зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэбыдэу, диалект зэмылIэужьыгъуэу зэхэт ди бзэр зэдагъэлажьэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ псалъэ», «Черкес хэку» газетхэм къыхалъхьауэ ирагъэкIуэкI журналист зэдэлэжьэныгъэм къыпызыщэ зекIуэр Адыгэ Республикэм щыдгъэкIуащ. Тэу Замирэ сэрэ Черкесск къыщыщIэддза Iуэху дахэм Мейкъуапэ щыпытщащ шэрджэс журналист Аслъэныкъуэ Мадинэрэ сэрэ.

Адыгэ хэкум и беягъыр, и цIыхухэм я гуапагъыр, щIыуэпсым и дахагъэр, IэщIагъэлIхэм я жанагъыр, IэпщIэлъапщIэхэм я Iэзагъыр зэдгъэлъэгъуащ АР-м дызэрыщылэжьа тхьэмахуэм. Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 33-рэ щрикъум ирихьэлIэу «Адыгэ псалъэ» газетым къыдэкIыгъуэ щхьэхуэ хухихынущ ди къуэш хэгъэгум нобэ и щыIэкIэ-псэукIэм, зыужьыкIэм теу­хуауэ згъэхьэзыра тхыгъэхэр иту.
Ауэ зэкIэ мы тхыгъэ кIэщIыр «Адыгэ макъ» газетым къыхузогъанэ. Мыбы зи гугъу щысщIынур зи романхэмкIэ ди лъэпкъ тхыдэр сэзыгъэцIыхуа, зи Iэдакъэ­щIэкIхэмкIэ «адыгэм и дунейм» сыхэзыша, лъэпкъ псом ди набдзэ нэхъыжьыфI МэшбащIэ Исхьэкъщ. Апхуэдэуи журналист IэщIагъэм сызэрыпэрыхьэрэ псом нэхъ сфIэфIу къыхэсха лъэныкъуэм – хамэ къэралхэм ис адыгэхэм ятеухуам – къыхэзгъахъуэмэ сфIэигъуэу, хэкум къэзыгъэзэжахэр щыпсэу Махуэхьэблэ сызэрыщыIарщ.
Бысым газетым и редактор нэхъыщхьэ МэшлIокъуэ Саидэ тхуигъэхьэзыра программэм тету, дэ япэу дыIущIащ АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Щхьэла­хъуэ Аскэр, зэдгъэцIыхуащ ди къуэш редакцэм и лэжьакIуэхэр, апхуэдэуи япэ махуэр лъапIэ тхуэзыщIа тхьэмадэм дригъэблэгъащ. АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ МэшбащIэ Исхьэкъ дапщэрэ ухуэзэми къызэрыбдэгуэшэнрэ къыбжиIэнрэ и куэдщ. И Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэм къытебгъэзэжурэ къибджыкIын зэритым хуэдэщ илъэс 94-м ит тхакIуэшхуэм и акъыл жанагъымрэ гупсысэ куухэмрэ ущIэдэIунри.


Кавказ Ищхъэрэми, Урысейми къыщацIыху тхакIуэ цIэрыIуэр куэдым къыт­хутепсэлъыхьащ Мадинэ сэрэ, тыншу щымыта и гъащIэ гъуэгуанэр, творческэ гъуэгум и зэхэлъыкIар, лIыпIэ иува нэужь зыпэрыта Iуэхухэр, и IэдакъэщIэкIхэр зытриухуар, лъэпкъым нобэ и гугъуехь нэхъыщхьэхэмрэ адыгэу къызэтенэн папщIэ дяпэкIэ зэгугъупхъэ­хэмрэ, иужьрейуэ итха романымрэ ар япэу Налшык утыку къызэрыщрихьамрэ. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр къыщыIэта Мэшба­щIэм и интервьюр щхьэхуэу къытехуэнущ «Адыгэ псалъэмрэ» «Черкес хэкумрэ».
Иджы и гугъу фхуэсщIыну сыхуейщ Урысей псом зыхуэдэ имыт Махуэхьэблэ жылэм. Сэ куэдрэ сахуэзащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм, Америкэм къикIыу хэкужьым къэкIуа ди лъэпкъэгъухэм, сыщыIащ Тыркум, Израилым, Германием щыпсэу адыгэхэм я деж. Хэхэс адыгэхэм я хъуэпсапIэр нэхуапIэ ящIу Адыгэ Республикэм 2001 гъэм къыщызэрагъэпэща Махуэхьэблэ жылэм ди хэкуэгъу куэдым я хъуэпсапIэр нэхуапIэ щыхъуащ.
Жылэм узэрыдэлъадэу и къабзагъкIэ, зэгъэпэщыкIэкIэ адыгэ къуажэу зэрыщытыр нэм къыIуедзэ. Чырбыш плъыжькIэ щIа унэ зэтет зэщхьхэм иужьрей илъэсхэм ящI иджырей унэхэр къахощ, жылэм дэтщ мэж­джытрэ поликлини­кэрэ. Абы къищынэмыщIауэ, адрей къуа­жэхэм къащхьэщыкIыу, Махуэхьэблэ администрацэ щхьэхуэ иIэщ. Абы и унафэщI Жьыу Мухьэмэдрэ Хэкум къэзыгъэзэжа­хэр хэсыхьыжынымкIэ республикэ центрым и унафэщI Гъу­кIэлI Iэсхьэдрэ къытхуаIуэтащ хамэ къэрал къи­кIыжауэ жылэм дэс­хэм нобэ яIэ псэукIэр, къэралыр къазэрыдэ­Iэпыкъур, езыхэр ла­жьэ-шхэжу, зэ­гуры­Iуэу-зэдэIуэжу зэ­рыпсэур.


Унагъуэ дахэу, унэ-лъапсэкIэ зэгъэпэщауэ Махуэ­хьэблэ дэсхэм ящыщщ ГъутIэхэ (Абай) Имэррэ Мэулидэрэ. ТIууэ зэтет унэ зэлъы­Iухам драгъэблэгъащ ди лъэпкъэ­гъухэм икIи я къекIуэкIыкIам дыщагъэгъуэзащ. Ахэр япэ дыдэу Косовэ къикIыжахэм ящыщщ. Бысым гуащэм и шыгъупIастэр Iэнэм къытригъэувэху Имэр къытхуеIуатэ хэкужьым къыщихьэжам къазэрыпежьар, респуб­ликэ тхьэма­дэу а лъэхъэнэм щыта Джарым Аслъэн куэд къазэрыхуищIар, уеблэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ зэрахыхьауэ щытари ещIэж. Нобэми рес­публикэ унафэщIхэм гулъытэншэ ящIыркъым къуажэдэсхэр, Имэр зэрыжиIэмкIэ, АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат щыблэжкIэ, зэзэмызэ къыдыхьэу зыщиплъыхь, дэсхэм къащыщIэупщIэ щыIэщ. Имэррэ Мэулидэрэ пщащитIрэ зы щIалэрэ яIэщ, пщащэхэр Тыркум щопсэу, щIалэр езыхэм ябгъэ­дэсщ. Мэулидэ и хадэм укъуэлIыкIынукъым, абы итщ бэдрэжан, шыбжий, къэб, нэгъуэщI хадэхэкIхэр. Езыхэр нэжэгужэу, фIы ягу илъу псэу унагъуэщ ГъутIэхэ. Я щIалэ закъуэм дяпэкIэ къра­гъэшэну я мурадщи, щIэблэ узыншэ яIэу куэдрэ псэуну дахуохъуахъуэ.

Александра Балабась


Адыгэ Республикэр дунейм адыгэу тетым фIыуэ щIалъагъум, ар турист кIуапIэ щIэхъуам, ди къуэшхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм, цIыху цIэрыIуэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр зэрыт «Адыгэ псалъэ» газетыр зэман гъунэгъум Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм къыщыдэкIынущ.
НэщIэпыджэ Замирэ,
«Адыгэ псалъэ» газетым политикэмкIэ, жылагъуэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI, Адыгэ Респуб­ликэм щIыхь зиIэ и журналист.