Top.Mail.Ru

Адыгэ щIыналъэм лъагъуэ щыхыдош

Image description

Нэрылъагъущ иужьрей илъэсхэм Адыгей Республикэм щIэгъэхуэбжьауэ туризмэм зэрызыщиужьыр, зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэм гъэ къэскIи зэрыхэхъуэр. Иджы дыдэ екIуэкIа, зэры-урысейуэ цIэрыIуэ щыхъуа «Адыгэ кхъуейм» и фестивалым зэхуишэсащ цIыху мин 50-м нэс. Апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм къинэмыщIауэ, республикэм нэгузыужь щIыпIэу иIэр куэдыкIейщ, узэплъынымрэ бгъэщIэгъуэнымрэ бжыгъэншэщ.

АдэкIи республикэм туризмэр нэхъри зэрырагъэфIэкIуэн проект щэджащэхэр яубзыхуагъэххэщ: илъэс псом зэпымыууэ лэжьэну «Лагонаки» бгы-лъэрыжэ экокурортыр ухуэныр, лъэпкъ утыку­хэм­рэ лъэщапIэхэмрэ здыдэт этнопаркыр къызэгъэпэщыныр…
ЗекIуэ, бгырыкIуэ гъуэгур зэ­рысфIэфIым къыхэкIкIэ, Адыгейм и щIыуэпсыр зэзгъэлъытын, зэз­гъэпщэн сиIэщ. Арами, мы щIы­налъэм сыкъызэрихьэу къызгурыIуащ, адыгэ хэгъуэгум езым и къызэрымыкIуэ дахагъ зэрихъу­мэр, зыми ямыщхь теплъэхэр бгыхэм зэраIэр, зыми яхуомыгъэдэфын адыгэмэ мыбдежым зэрыщызекIуэр…
АтIэ, мы хэгъуэгум дыкъезыгъэблэгъа ди лэжьэгъухэм турист-бгырыкIуэ лъагъуэм дытрашащ. Ди лэжьыгъэ программэм тегъэчынауэ зэрыбгъэдыхьар наIуэ тщыхъуащ япэу дызрашэлIа щIыпIэр зэрытлъагъуу. БгырыкIуэ­хэмрэ экстремальнэ зыгъэпсэхукIэм дихьэх туристхэмрэ куэду къызэкIуалIэщ ар — «Мыщэкъуэ» зи фIэщыгъэцIэ, бгыщхьэм къыщызэрагъэпэща экстрим-паркыр.
«Мыщэкъуэ»-м ди хахуагъэр егъэунэху
Мы махуэхэм гъусэ пэжу къыт­щIыгъу, «Адыгэ макъ»-м и редакторым и къуэдзэ Тэу Замирэрэ газетым и журналист Анчокъуэ Иринэрэ нэIуасэ дыхуащI мы ухуэныгъэ­хэр къызэзыгъэпэща зэкъуэш Бэрзэджхэм я нэхъыжь Артур.
Спортым хуэIэижь, щIалэ Iэч­лъэчым дыщигъэгъуэзащ паркым хэт, туристхэр къызэрахьэху зы­гъэпсэхукIэ Iэмалхэм. Илъэс 13 хъуауэ Муратрэ Артуррэ ягъэлажьэ экстрим-паркым Урысейм и дэнэ Iэхэлъахи къикIхэр къокIуалIэ, дэнэ щIыпIи къыщацIыху. ЖытIэнщи, иджырей туристыр щIэщыгъуэ гуэркIэ къэпхьэхуныр тыншкъым. ЩIалэхэм адрей хэгъуэгухэми зрапщытащ, фIы здыщалъэгъуами щапхъэ къыхахащ, щIэщыгъуэ куэди я лэжьыгъэм къыхалъхьащ. АтIэ, япэу дызыбгъэдаша, гъущIкIэ щIа, къуршыщхьэм тет «уафэгу хъыринэр» Дагъыстаным деж щалъэ­гъуа нэужь, езыхэми яухуащ, икIи щIегъуэжакъым, ар туристхэм занщIэу фIыуэ ялъэгъуащ.
«Iуащхьэмахуэ дэкIа пщащэри къытщIыгъущ, дыкъеплъынщ ди лъа­гапIэхэр къызэрыщыхъур!» — къытпэщылъ гъуэгур зэрышынагъуэр къыдгуригъаIуэу, Замирэ си дежкIэ зыкъегъазэри Артур нэIуасэ сыхуещI.
ЩIыпIэм щытлъагъур гъэщIэгъуэн тщохъу: ипэкIэ зи гугъу тщIа, бгыщхьэм щхьэщыт «уафэгу хъыринэр»; къуршитIым я зэхуакум цIыхур пыщIауэ зэрыраш кIапсэр; «бгырысым и лъагъуэ» жыхуиIэр.
Къытпэщылъ Iуэхугъуэхэм куууэ зэрыхэзмыщIыкIым си псэр егъэгузавэ. Зэпсэлъэныгъэ-зыплъыхьакIуэ къытщыхъуа гъуэгур нэгъуэщIу къытхущIокI. АтIэ, хэгъэрейхэм я мурадыр нэ­гъуэщIт — туристым зыхищIэ щытыкIэу хъуар журналиститIми ди IэпкълъэпкъкIэ зыхэтщIэн хуейт.
«Адыгэ макъ»-м и социальнэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ хэгъуэгуищым щыпсэухэр къыткIэлъоплъ, дызытеува турист лъагъуэр зэрыткIунур яфIэгъэщIэгъуэнщ псоми. АтIэ, журналистхэм уахэтыныр Iуэхушхуэщ — асыхьэтым псори нэIурыт ящI!
Метри 100-м нэс зи лъагагъ къуршым щхьэщыт «уафэгу хъы­ринэм» и инагъми, зытет лъагапIэми уи псэр егъэкIэзыз. Гъуэ­гуэгъу схуэхъуа, НэщIэпыджэ Замирэ узэреплъымкIэ бзылъхугъэ гу щабэ-Iу щабэщ, «уэркъ пщащэ» ауэ сытми фIэтщакъым. Ауэ, дызыпэрыува Iуэху мыпсынщIэм къигъэлъэгъуащ абы псэкъару лъэщ зэрыхэлъыр, зэрыпхуимыгъэкIуэтынур. Замирэ япэу хъыринэм йотIысхьэ. КIапсэхэмкIэ фIащIэ, тетIысхьэпIэм ирапхыхь.
КIэщIэрыIэурэ хъыринэ хьэ­лъэр ирагъажьэ. Нэпкъым епкIэ, уафэгум ихьэ ди лэжьэгъум уеплъмэ, уи псэр зэщIеIэтэ — къуршыщхьэм щыхуарзэ бзум хуэдэу уафэгум нэс дреIэтей… Ауэ езыр мэгуфIэ, къыдопсалъэ. Сэри срегъэхъуапсэ. Си чэзури къосри, сэри си лъапэкIэ адыгей уафэгум силъатэ къысщыхъуу, дакъикъитIыр блолъэт. Сигу къо­кIыж парашютымкIэ сыкъыще­лъам си гум щыхъа щытыкIэр. АтIэ, абдеж уи гур зэриIэтым, уи псэр зэрыпIэпихым зыкIи къыкIэрыхукъым Адыгейм и «уафэгу хъы­ринэри».
Ди лэжьыгъэм деж нэхъыщхьэр цIыхум и шынагъуэнша­гъэр тэмэму къызэдгъэпэщынращ. Абы ехьэлIауэ мы иужьрей илъэсхэм куэд зэфIэдгъэкIащ. Щапхъэ къа­тетхащ а лъэныкъуэмкIэ зыужьы­ны­гъэ зыгъуэта, туризм лъагъуэ­хэр зыухуахэм я бгъэдыхьэкIэхэм, — къыддогуашэ Артур.
Артуррэ Муратрэ я псэр етауэ зыхуэлажьэ Iуэхум респуб­ликэм кърешалIэ зыгъэпсэхуакIуэ куэд. Апхуэдэу, «Мыщэкъуэ»-м лэжьэн зэрыригъажьэрэ турист мини 8-м щIигъу щыIагъэххэщ, абыхэм я бжыгъэри илъэс къэскIи нэхъыбэ мэхъу, къытезыгъэ­зэжхэри куэдщ. Туристым и пабгъэныгъэр нэхъыбэ щыхъукIэ, абы Iэмал имыIэу экстрим-паркым и къэухьми нэхъри зрегъэ­убгъу.
АтIэ, дызытета лъагапIэм къы­пэщыт къуршыбгым нэс кIапсэ ишащ. Ар узыфIэмыкIыжыну шынагъуэу зэрыщытым игъэхъуап­сэу куэд къокIуалIэ. Туристхэм нэхъ яфIэфI хъуахэми ящыщщ «бгырыс лъагъуэ» жыхуиIэ екIуэ­кIыпIэри.
Иужьрейм дэри дытету дрикIуэ­ныр пщэрылъ тхуащIахэм ящыщт. Иринэ ди пашэу а лъагъуэм зыр-зым и ужьым диту, къуршыбгым дыкIэрыту дрокIуэ. Блын джабэм бгъурыту иша гъущI кIапсэм дыпыщIащ. Ди лъащIэкIэ уеплъыхмэ, уи псэр пIэпех, къуэм и лъэныкъуитIри мэзылъэ задэщ, метр 70 лъагапIэм дыщхьэщытщ, метр 250-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур къытпэщылъщ. ЩIыпIэм и дахагъымрэ, дыкъэзыухъуреихь мэзылъэ бгыхэмрэ я теплъэм уи гур зэщIаIэтэ. А псоми ущыхэплъэкIэ, шынэм уеутIыпщыж. «Бгырысым и лъагъуэ»-р тлъагъун закъуэу щымыту, Замирэрэ сэрэ ди насып къихьащ абы дрикIуэну!
«Хьэджэхъу зэвыпIэ»
АдэкIэ, ди гъуэгур зыхуэунэтIа «Хьэджэхъу зэвыпIэ»-м дашэ. Ди гупыр тIэкIу ешами, тлъагъур ди щIэщыгъуэщи, зыхуэдгъэдэн дымыщIэу дызэдогуашэ. Мы Iэгъуэблагъэм гум къинэж теплъэ­гъуэ дахэхэр щыкуэдщ. Къуршыбгхэм я теплъэкIэ зыми ящхькъым. Илъэс мелуан бжыгъэкIэ узэIэ­бэкIмэ мы къуэм тенджызышхуэ зэрыдэтар уи нэгу къыщIагъыхьэу, мыващхьэхэр гъэщIэгъуэну гъэджэфауэ щытщ. Абыхэм уащыIуплъэкIэ псы щIагъым ущIэт къыпщагъэхъу. Мывэшхуэхэм я зэхуакум Щхьэгуа­щэ псыр километркIэ щожэх, зиудэу, зигъэбзаджэу, къурш мывэхэр игъэпсалъэу. Къуэм къыдэжа нэужьи, Мейкъуа­пэ къалэм зэрыхуэкIуэжынум хуэдэу щым зещIыж, мэбэяужри хуэму йожэх.
Иринэ мы щIыпIэхэм куэдрэ къокIуэ, дэнэ деж нэхъ дахэми къыбжиIэфынущ. Абы дешэ Хьэджэхъу зэвыпIэм нэхъ дэ­дзеяуэ иIэ дыхьэпIэм. Iу зэв цIыкIум дыдыхьа иужь ди нэгум къыщIэувэ теплъэгъуэр дахащэщ — псы Iуфэм зыщызыукъуэдия тафэр къэухъуреихьащ къуршыбгхэмкIэ. ИпэкIэ уплъэмэ, къуршитIым я щхьэр зэрахьэлIауэ, щыму щIэж Щхьэгуащэ псым хэплъэм хуэдэщ, гъуэгу тригъы­хьэм ещхьу кIэлъоплъ. ЩIыпIэр къызэрымыкIуэу щымщ, зы щэху гуэр ихъумэ хуэдэщ.


Рыфыбг псыкъелъэхэр
АдэкIэ, ди махуэр зэрагъэпса турист лъагъуэм дрокIуэ. «Рыфыбг» псыкъелъэхэм дыкIуэну зыдогъэхьэзыр. ДыкъыздэувыIэ щIыпIэм, зыгъэпсэхупIэ-шхапIэ комплексым и гугъу къытхуащI. Республикэм и этническэ туризмым лъабжьэ хуэзыгъэтIылъа, лъэпкъым псэемыблэжу хуэлэжьа Быбэ Мурат (Тхьэм жэнэт кърит) иухуа щIыпIэщ мыр. Илъэс зыбжанэ хъуауэ къуэш хэгъуэгуищым я щIалэгъуалэр жыджэру зыхэт этнолагерыр мыбдеж къыщызэрагъэпэщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, мы цIыхушхуэм Рыфыбг псыкъелъэхэм мыхьэнэ иратыным, турист лъагъуэхэр гъэтэрэзыным къинэмыщIауэ, адыгэ лъэпкъым къыде­кIуэкI фIыгъуэхэр хъумэным, къэIэтыжыным, хабзэм цIыхур дегъэхьэхыным хуэунэтIа проект куэд къызэрызэригъэпэщар. Абы иухуащ, икIи яхухихащ лIакъуэхэм я жыгхэр здыхасэну щIыпIэхэр, «адыгэ кхъужьым», «хьэлывэм», «кхъуейм» я Махуэхэр гъэлъэпIэныр къригъэжьащ. Гъуэгуанэ етшэжьам дрикIуэхукIэ, зэкъым а цIыхушхуэм иджыри и цIэр фIыкIэ зэрызэхэтхар.
Рыфыбг бгым къежьапIэ хуэ­хъу, Щхьэгуащэ и зы къуэпсу къежьэ Рыфыбг псым къегъэщI псыкъелъэ дахащэхэр. Зэрыжа­IэмкIэ, гъатхэ пIалъэм, псыр щы­уэрым, абыхэм я теплъэр нэхъ телъыджэж мэхъу.
Сигу къокIыж, иджыри сыстуденту мыбы сызэрыщыIар. АтIэ, илъэс 20-кIэ узэIэбэкIыжмэ, сызыщIэкIа мэзыр, сызрикIуа лъагъуэхэр, уеблэмэ дызытеувэу дыкъызэпкIэжа мывэшхуэхэр си нэгу къыщIэувэжащ. Си гур мэгуфIэ апхуэдиз пIалъэ текIами, мы щIыпIэхэм иджыри цIыхур зэмыIуса теплъэр иIэу зэрахъу­мэфар…
Къэдгъэзэжыни хуейщ, жэщ къыттехъуэнкIи шынагъуэщ. Арами, хъыджэбзищым здэдыунэтIа «Девичья коса» псыкъелъэм дынэмысу къэдгъэзэжкъым. Абыхэм дыхуэкIуэхукIэ, дарихьэ­лIащ турист куэдым — Таганрог къикIа студент гупышхуэм, Мос­ква, Ростов щыщ, унагъуэкIэ зыплъыхьакIуэ къэкIуахэм.
Мы махуэм ди нэгу щIэкIам, зэхэтхам, дауэми, гуимыкIыж тщигъэхъуащ, ди псэм фIыуэ илъэгъуа, Адыгеймрэ абы и щIыпIэ дахэхэмрэ. Зы гупсысэми сызэщIеIэтэ — мы адыгэжь къур­шхэм яхъумэфа тхыдэм дыкъыщIотэджыкI зэманыщIэм къигъэ­хъу, иджырей адыгэхэр. Дэ абыхэм дащыщщ! Ди псэр яхэтщ мы бгыхэм, псыхъуэхэм, мэзхэм, къуршхэм. Аращ ахэр апхуэдизу щIызыхэтщIэр!
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ.
«Черкес хэку» газетым и журналист.